Перевод: со всех языков на русский

с русского на все языки

Дыгъэр къыкъуэкIын

  • 1 къыкъуэкIын

    (къыкъуокI) неперех. гл. выйти, выехать из-за чего-л.
    / Къуагъ гуэрым къыблэкIын, къыфIэкIын.
    * Тутнакъэщ къуапэм епIэщIэкIыу къыкъуэкIащ лIы щIыбышэ. Iуащхь.
    2. появиться, показаться (о ком-л.)
    / Къэлъэгъуэн, къэхутэн.
    * Анэр зыгуэрым пэплъэрт, ауэ зыри къыкъуэкIыртэкъым. фольк.
    3. переносное возникнуть, появиться ( о делах)
    / ЩыIэ хъун.
    Iуэху гуэр къыкъуэкIащи.
    4. переносное обнаружиться, оказаться у кого-л.
    / Зыгуэрым иIэу, хэлъу, бгъэдэлъу къыщIэкIын, зыгуэрым деж къыщагъуэтын.
    Мылъку къыкъуэкIын. ЛIыгъэ къыкъуэкIын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > къыкъуэкIын

  • 2 дыгъэ

    / ЩIы хъурейр зыгъэнэху, зыгъэхуабэ планетэрщ. Дыгъэ къыкъуэкIыгъуэ. ЩIыр Дыгъэм и хъуреягъкIэ къокIуэкI.
    * Дыгъэр пшэм щIилъафэкIэ, ункIыфIыркъым. (погов.) Дыгъэр лъагэу уафэгум къиуват, дуней псом жьыи псыи щызеуэ хуэмыдэу махуэм и хуабэгъуэт. Iуащхь. Аузым и адрыщIкIэ къыщыт къурш лъагэшхуэм дыгъэр щхьэщымыхьауэ хуэмурэ екIуэтэхырт. Т. Хь.
    2. солнце, свет, тепло
    / Дыгъэм къыбгъэдэкI нэхур, хуабагъэр.
    ЖьыщIыгъэр дыгъэм щедзын. Алэрыбгъум дыгъэ егъэун.
    * Хьэмид и джанэ дыгъэм трихыжар и щIыбагъ бгырыпхымкIэ зэлъикъусурэ нащхьэ къысхуищIащ. Iуащхь.
    / ЯгъэлъапIэ, фIыуэ ялъагъу цIыхум зэрызыхуагъазэ псалъэ гуапэ.
    Дыгъэ бзий солнечный луч.
    * Уэгум щызэрызехьэ пшагъуэ гуэрэным къыпхидзурэ дыгъэ бзий хуабэхэр щIы щхьэфэм къытредзэ. Iуащхь.
    Дыгъэ зытегъэпсэн принимать солнечную ванну. Дыгъэ нэбзийр уэсэпс зытрищIа удзым топщIыпщIэ. Щ. Ам.
    Дыгъэ темыгъэпсэн держать взаперти кого-что-л.
    Дыгъэ хьэвэ кубано-зеленчукские см. гъуэз.
    Дыгъэм зегъэун греться на солнце, загорать.
    * Языныкъуэ шыщIэхэр дыгъэм зрагъэухэу джабэм бгъукIэ кIэрылъхэт. Къ. Хь.
    Дыгъэр иубыдын затмиться-о солнце.
    Дыгъэр къепсын светить-о солнце.
    Дыгъэр къоIых припекает-о солнце.
    Дыгъэр къыдэкIуэтеин подняться-о солнце. Дэ зыдужьыху, дыгъэр фIыуэ къыдэкIуэтеящ.
    Дыгъэр къыкъуэкIын взойти-о солнце.
    Дыгъэр мэдзакъэ припекает-о солнце (букв. солнце кусается).
    Дыгъэр тенэцIыхьын клониться к закату-о солнце.
    * Дыгъэр тенэцIыхьауэ бгъэдыхьащ кIэмыргуей щIалэр ГъущIыпсэ и куэбжэм. КI. Т. Пщыхьэщхьэ дыгъэр тенэцIыхьырт. Iуащхь.
    Дыгъэ пэзэз(э) солнце в зените
    / Махуэ хуабэ дыдэу дыгъэр щхьэгум щит.
    * Мы дыгъэ пэзазэм щхьэ губгъуэм уит, си къуэш?! Къу. С.
    II пригожий
    / ТеплъэфI зиIэ.
    Сабий дыгъэ. Дыгъэ бын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > дыгъэ

  • 3 нэхущ

    рассвет
    / Нэху щыщ, дыгъэ къыщIэкIыгъуэм и пэ къихуэ зэман.
    Нэхущым къэтэджын. Нэхущым гъуэгу техьэн. Нэхущ кIыфIым ежьэн.
    нэхущ кIэху утренняя заря
    / Дыгъэр къыкъуэкIын ипэ уафэ лъащIэм къищI нэху.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > нэхущ

  • 4 къыкъуэкIыжын

    (къыкъуокIыж) неперех. гл. 1. выйти, выехать из-за чего-л. снова
    / Зыкъухьам къигъэзэжу къыкъуэкIын.
    Шыр Iуащхьэм къыкъуэкIыжащ. Дыгъэр пшэм къыкъуэкIыжащ.
    2. переносное появиться снова после долгого отсутствия
    / Куэдрэ къэтауэ зыщIыпIэ къыщыхутэжын.
    3. переносное найтись, отыскаться (о чем-л. потерянном)
    / Къэгъуэтыжын.
    Уадэ кIуэдар къыкъуэкIыжащ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > къыкъуэкIыжын

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»